АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 39, 40
Мусэ Иеговэ кърита унафэр нэгъэсауэ игъэзэщІащ
Мусэ Иеговэ кърита унафэр нэгъэсауэ игъэзэщІащ, шэтыр лъапІэр щаухуэми ар щагъэувми. Дэри Иеговэ и организацэм къыдит унафэу хъуар зыдмыІэжьэу, ди гум къыбгъэдэкІыу дгъэзэщІэн хуейщ. Дэ сыт щыгъуи апхуэдэу тщІэн хуейщ, унафэ къыдатым мыхьэнэшхуэ имыІэу къытщыхъуми е ар къыщІыдатам и мыхьэнэр и кІэм нэс къыдгурымыІуэу щытми (Лк 16:10).
ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІхэм щызэхэтх унафэхэм дыщІытетын хуейр сыт?
Лъым теухуауэ унафэ къыдатхэм псоми дыщІытетын хуейр сыт?
КъэхъункІэ хъуну гузэвэгъуэшхуэхэм зэрызыхуэдгъэхьэзырын хуейм теухуауэ унафэ къыдатхэм псоми дыщІытетын хуейр сыт?