ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb20 Сентябрь н. 3
  • Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбархэр умыгъэбагъуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбархэр умыгъэбагъуэ
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • И пэжыпІэр фщІэуэ пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
mwb20 Сентябрь н. 3

ХРИСТИАНСКАЯ ЖИЗНЬ

Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбархэр умыгъэбагъуэ

Ди зэманым хъыбар гуэрым газетхэмкІэ, радиомкІэ, телевидениемкІэ икІи интернетымкІэ напІэзыпІэм дуней псом зыщиубгъуфынущ. Пэжыгъэм и Алыхьым хуэлажьэхэм пцІы ягъэбэгъуэну хуейкъым, ар пцІыуэ зэрыщытыр ямыщІами (Пс 31:5; Исх 23:1). Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбарыр бгъэбагъуэу щытмэ, абы зэранышхуэ къихьыфынущ. А хъыбарым и пэжыпІэр зэхэбгъэкІын щхьэкІэ мы упщІэхэмкІэ зэупщІыж:

  • «А хъыбарыр къыздикІам дзыхь хуэсщІ хъуну?» А хъыбарыр къызжезыІэжа цІыхум а Іуэхур къызэрекІуэкІар нэгъэсауэ имыщІэнкІэ хъунущ. Зы хъыбар гуэр ІуэрыІуатэу къыщрахьэкІым деж абы Іэмал имыІэу зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэнущ. Абы къыхэкІкІэ а хъыбарыр къызыбгъэдэкІыр ар зылъэгъуа е абы фІыуэ щыгъуазэ цІыхуу щымытмэ, дэ абы дыхуэсакъын хуейщ. Псом хуэмыдэу зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щызыгъэзащІэ къуэшхэр сакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм абыхэм жаІэм дзыхь хуащІ.

  • «А хъыбарым цІыху гуэрым и цІэр имыгъэулъийуэ пІэрэ?» А хъыбарым цІыху гуэрым и цІэр игъэулъийуэ щытмэ, ар умыгъэбагъуэмэ нэхъыфІщ (Пр 18:8; Фп 4:8).

  • «А хъыбарыр пэжым ещхь?» Егъэлеяуэ гъэщІэгъуэн хъыбархэр занщІэу уи фІэщ умыщІ.

«ЦІЫХУХЭМ Я ЗЭРАН КЪЫЗЭРЫКІЫФЫНУ ХЪЫБАРХЭР ДАУЭ КЪЫЗЭРЫБГЪЭУВЫІЭ ХЪУНУР?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Притчи 12:18 (Гъэсэпэтхыдэхэр) зэритымкІэ, псалъэхэм сыт хуэдэ къару яІэ?

  • Дэ нэгъуэщІхэм я гугъу щытщІым деж Филиппи 2:4 ит принципыр дауэ къыддэІэпыкъуфыну?

  • ЦІыхухэр нэгъуэщІхэм Іей хужаІэу е ауан хэлъу тепсэлъыхьу щыщІадзэм деж сыт дэ тщІэн хуейр?

  • НэгъуэщІ цІыхум утепсэлъыхьын ипэ сыткІэ узэрызэупщІыжын хуейр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын