АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 17, 18
Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж къуэшхэм нэгъуэщІхэр ягъасэ икІи я къалэнхэмкІэ догуашэ
Алыхьым куэд щІауэ хуэлажьэ къуэшхэм къуэш нэхъ щІалэхэр ягъасэу я къалэнхэмкІэ щадэгуашэм деж абыхэм я лъагъуныгъэр, Іущагъыр икІи я зэфІэкІыр здынэсыр зэращІэжыр къагъэлъагъуэ. НэгъуэщІхэр дауэ зэрыбгъасэ хъунур?
Зэхуэсым пыщІа къалэн нэхъыбэ зыгъэзэщІэфыну къуэшхэр къыхэх.
Къуэшым епт къалэныр зэригъэзэщІэну щІыкІэр къыгурыгъаІуэ.
А къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, ар зыхуэныкъуэну хъуа псор ет.
А къуэшхэм ехъулІэныгъэ яІэхэм кІэлъыплъ икІи абыхэм а къалэнхэр зэрагъэзэщІэфынум шэч къызэрытомыхьэр яжеІэ.
ЗЭУПЩІЫЖ: «Сэ згъэзащІэ къалэнхэм щыщу нэгъуэщІхэм сыт ест хъунур?»