ДИ ГЪАЩІЭР
Пионер лэжьыгъэр — ар Иеговэ зэрыдгъэлъэпІэфыну Іэмалхэм ящыщ зыщ
Израил цІыхухэм Иеговэ щІагъэлъэпІэн щхьэусыгъуэ куэд яІэт. Иеговэ ахэр Мысырым къришыжри, фирхьэуным и дзэм къыІэщІихащ (Исх 15:1, 2). Иеговэ иджыпстуи и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ. Дауэ дэ Алыхьым фІыщІэ зэрыхуэтщІыфынур? (Пс 116:12).
Подсобнэ е общэ пионеру улэжьэныр ар Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэпщІыр къызэрыбгъэлъагъуэ хъуным и зы Іэмалщ. Апхуэдэ лэжьыгъэ къэпщтэну гукъыдэжрэ къарурэ къыуитыну уэ Иеговэ уелъэІу хъунущ (Фп 2:13). Куэдым япэщІыкІэ подсобнэ пионер лэжьыгъэр къащтащ. Гъатхэпэ мазэм, мэлыжьыхьым икІи районым и нэхъыжьыр зэхуэсым къыщыкІуэ мазэхэм уэ хъыбарыфІыр сыхьэт 30-кІэ е 50-кІэ бгъэІуну къыхэпх хъунущ. Подсобнэ пионер лэжьыгъэм къыпхуихь гуфІэгъуэр зыхэпщІа иужь уэ общэ пионер лэжьыгъэр къэпщтэну ухуеину къыщІэкІынущ. Уеблэмэ, махуэ псокІэ лажьэхэри узыншагъэ зимыІэхэри общэ пионеру мэлажьэ (mwb16.07 8). Дэ Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэну абы хуэфащэщ! (1Лт 16:25).
«МОНГОЛИЕМ ЩЫЩ ЗЭШЫПХЪУИЩЫР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Пионеру лэжьэн щхьэкІэ зэшыпхъуищыр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэлъэща?
Абыхэм Иеговэ и нэфІ дауэ ящыхуа?
А зэшыпхъуищыр пионеру зэрылажьэм Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа сыт хуэдэ Іэмалхэр къахузэІуиха?
А зэшыпхъуищым я щапхъэм нэгъуэщІхэр дауэ игъэгушхуа?