Бадзэуэгъуэм и 13—19
ИСХОД 8, 9
12-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Фирхьэун пагэм игу къэкІыххэтэкъым Иеговэ и Іэмырыр зэригъэзащІэр» (дакъ. 10)
Исх 8:15. Фирхьэуным ерыщу идэтэкъым Мусэрэ Хьэрунрэ едэІуэн (it-U «Упрямство», абз. 2)
Исх 8:18, 19. Мысырым и дин пашэ Іэзэгъуазэхэм я къарууншагъэмкІэ зыщаумысыжам щыгъуи фирхьэуныр ерыщу къэнащ
Исх 9:15—17. Иеговэ фирхьэуным и хьэкумыр занщІэу зэримыщІам и фІыгъэкІэ Алыхьым и цІэр щІылъэ псом къыщацІыхуащ (it-U «Нечестие», абз. 4—6)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
Исх 8:21. Мы едзыгъуэм «гъудэ» жыхуиІэм зи гугъу ищІыр сыт? (it-U «Овод»)
Исх 8:25—27. Мысыр цІыхухэм я дежкІэ израил цІыхухэм я къурмэныпхъэхэр гущыкІыгъуэу щыту Мусэ щІыжиІар сыт? (w04-U 15/3 25, абз. 9)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Исх 8:1—19 (th 12-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 4). Зэгъусэу зэпкърыхын. Видеороликыр гъэлъагъуи къодаІуэхэм еупщІ: цІыхухъум зэрызэпиудам щхьэкІэ къэмынэу къуэшым и псалъэмакъым дауэ пища? Къуэшым хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ тхыгъэ цІыхухъум дауэ къыхуигъанэ хъунут?
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп (th 6-нэ урокыр).
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Ущызэпаудым деж адэкІэ уи псалъэм зэрыпыпщэ хъуныр гъэлъагъуэ (th 3-нэ урокыр).
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Библие зэредгъаджэ тхыгъэхэм щыщ цІыхум къыхуэгъанэ (th 12-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«Іэдэбагъ зыхэгъэлъ икІи уи щхьэм ущымытхъуж» (дакъ. 7). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Стань другом Иеговы» жыхуиІэ рубрикэм щыщ «Будь смиренным» жыхуиІэ мультфильмыр гъэлъагъуэ. Абы иужь, хъууэ щытмэ, зэман иІэу узыгурыІуа сабиитІ-щы сценэм къегъэблагъи мультфильмым теухуа упщІэхэр ет.
«НэгъуэщІхэр къыщыпщытхъум деж Іэдэбагъ зыхэгъэлъ» (дакъ. 8). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Хьисэ хуэдэу пэжагъ вгъэлъагъуэ. Къыщыфщытхъум деж» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): bhs пс. 13, абз. 1—9; Приложение 28
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
44-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ