Гъатхэпэ мазэм и 9—15
ЩІЭДЗАПІЭ 24
132-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъунур» (дакъ. 10)
ЩІэдз 24:2—4. Ибрэхьим и унэІутым и пщэ дилъхьащ Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу Исхьэкъ щхьэгъусэ къыхуигъуэтыну (wp16.3-U 14, абз. 3)
ЩІэдз 24:11—15. Ибрэхьим и унэІутыр Ребеккэ псыкъуийм деж щыхуэзащ (wp16.3-U 14, абз. 4)
ЩІэдз 24:58, 67. Ребеккэ Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъуну арэзы хъуащ (wp16.3-U 14, абз. 6, 7)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
ЩІэдз 24:19, 20. Ребеккэ сыткІэ щапхъэ тхуэхъурэ? (wp16.3-U 12—13)
ЩІэдз 24:65. Ребеккэ и щхьэм ІэлъэщІ щІытрилъхьар сыт икІи дэ абы сытым дыхуригъасэрэ? (wp16.3-U 15, абз. 3)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): ЩІэдз 24:1—21 (th 2-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 4). Зэгъусэу зэпкърыхын. Видеороликыр гъэлъагъуи къодаІуэхэм еупщІ: зэпсалъэ цІыхум жиІэм теухуауэ къуэшым и псалъэмакъым дауэ пища? Къуэшым упщІэхэр къызэригъэсэбэпам сыт фигу ирихьар?
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп (th 1 урокыр).
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Ущызэпаудым деж адэкІэ уи псалъэм зэрыпыпщэ хъуныр гъэлъагъуэ (th 12-нэ урокыр).
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр къегъэблэгъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): узэпсалъэ цІыхур фІыуэ боцІыху. «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» жыхуиІэ видеороликым узэпсалъэ цІыхум гу лъегъати зэпкърых (езы видеороликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 11-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу дыхэтын щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур? (дакъ. 8). km-U 2/14 н. 2 ит материалыр къодаІуэхэм я гъусэу зэпкърых.
«Хэт сэ къезгъэблэгъэнур?» (дакъ. 7). Зэгъусэу зэпкърыхын. Фи щІыпІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъунум тепсэлъыхь.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): bhs пс. 8, абз. 1—7; Приложение 20
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
9-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ