ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. ЦІыхухэр зыхуэныкъуэм гу лъытэ
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэмрэ цІыхухэр къыхураджэ «гъащІэ къозыт псым» пщІэ щІамыту ефэну (Апок 22:17). «ГъащІэ къозыт псым» хохьэр цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІихын щхьэкІэ Иеговэ ищІа псори. ЦІыхур къызыхэкІа лъэпкъымрэ иІыгъ динымрэ емылъытауэ дэ псоми дадэІэпыкъуну дыхуейщ. Абы къыхэкІкІэ «Тхьэм и хъыбарыфІу мыкІуэдыжынумкІэ дэ абыхэм» дащыдэгуашэм деж ахэр зыхуэныкъуэм гу лъыттэн икІи дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкІэ къыхуэдгъуэтын хуейщ (Апок 14:6).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Ущыпсэу щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуну темэхэмрэ Библием щыщ едзыгъуэхэмрэ къыхэх. Абы щхьэкІэ цІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм щыщ гуэр е ехъулІэныгъэ уиІэу къэбгъэсэбэпа Іэмал гуэр къыхэпх хъунущ. Сыт хуэдэ темэхэра е едзыгъуэхэра цІыхухэм нэхъ яфІэгъэщІэгъуэныр? Сыт хуэдэ хъыбарыщІэхэм ахэр тепсэлъыхьрэ? ЦІыхухъухэр сытым тепсэлъыхьыну яфІэфІ, цІыхубзхэм сыт яфІэгъэщІэгъуэныр?
Ущыпсэу щІыпІэм сэлам зэрахымрэ зэрыпсалъэ хабзэмрэ уигу игъэлъ (2Кр 6:3, 4).
ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ ди публикациехэмрэ видеороликхэмрэ зэгъэцІыху, Іэмал уиІэ хъумэ къэбгъэсэбэпын щхьэкІэ.
Уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр зэрыпсалъэ бзэхэмкІэ щыІэ публикациехэмрэ видеороликхэмрэ ди сайтым къих.
ЦІыхур зыхуэныкъуэм теухуауэ узытепсэлъыхь темэр хъуэж (1Кр 9:19—23). Псалъэм папщІэ, узэпсалъэ цІыхум фІыуэ илъагъу гуэр лІэныгъэм ІэщІихауэ къапщІэмэ, фи псалъэмакъым дауэ зэрыпыпщэнур?
ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэшым сыт хуэдэ темэкІэ цІыхухъум епсэлъэн зэрыщІидзар?
А цІыхухъум и гъащІэм сыт къыщыхъуар?
Библием ит едзыгъуэхэм щыщу цІыхухъум и Іуэхум сыт хуэдэрат нэхъ хуэкІуэр икІи сыт щхьэкІэ?
Узэпсалъэм фІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ къызэрыщІэбдзэ псалъэхэр уэ дауэ зэрыпхъуэжыр?