АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОКАЛИПСИС 17—19
Иеговэ и зауэшхуэм зауэхэм псоми кІэ иритынущ
19:11, 14—16, 19—21
«Лъагъуныгъэмрэ мамырыгъэмрэ и Алыхь» Иеговэ «мамырыгъэм и Пщу» щыт и Къуэм зауэ иригъэкІуэкІыну къалэн щІыхуищІар сыт? (2Кр 13:11, ДЩІ; Иса 9:6).
Иеговэрэ Хьисэрэ пэжагъыр фІыуэ ялъагъу икІи Іейр ялъагъу хъуркъым.
КІэух зимыІэ мамырыгъэрэ захуагъэрэ дунейм щыщыІэнур цІыху бзаджэхэр Алыхьым игъэкІуэда иужьщ.
Уафэм щыІэ Иеговэ и дзэр шы хужьхэм зэрытесымрэ «чэсей [«чэтэн», ДЩІ] пІащІэ хужь къабзэхэмкІэ» зэрыхуэпамрэ къагъэлъагъуэ ахэр пэжагъ яхэлъу зэрызауэр.
Иеговэ и зауэшхуэм дыкъелын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? (Сф 2:3).