АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОКАЛИПСИС 10—12
ЩыхьэтитІыр яукІащ, ауэ Иеговэ абыхэм гъащІэ къаритыжащ
11:3—11
ЩыхьэтитІыр: 1914 гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щытеувам Иеговэ и лэжьакІуэхэм я унафэщІу щыта уафэм кІуэну гугъэ зиІа къуэш гупыр.
ЯукІащ: Абыхэм «щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу» Алыхьым и Псалъэр илъэсищрэ ныкъуэкІэ цІыхухэм хуаІуэта нэужь ахэр тутнакъым ягъэтІысащ икІи а лэжьыгъэр ягъэзэщІэну Іэмал яІэжакъым.
ГъащІэ къратыжащ: ЩІагъыбзэкІэ жыпІэмэ, махуищрэ ныкъуэрэ дэкІа иужь ахэр къэхъужащ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ щхьэхуит хъужри, хъыбарыфІыр ягъэІун щІадзэжащ.