АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 2 ИУАН 1—13; 3 ИУАН 1—14 — ИУДЭ 1—25
Уи фІэщхъуныгъэм быдэу утетын щхьэкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ
Хьисэ дыкъыхуриджауэ щытащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фызэрыдыхьэным Іэмал зэриІэкІэ и ужь фит» (Лк 13:24). Абы къокІ дэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа тыгъэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн зэрыхуейр. Хьисэ и къуэш Иудэ итха тхылъми апхуэдэ гупсысэ дыщрохьэлІэ. Абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджэрт я фІэщхъуныгъэм быдэу тетын щхьэкІэ къарууэ яІэр ирахьэлІэну. Дэ зэпымыууэ къару етхьэлІэн хуейщ:
зинэ щІэным пэІэщІэ зытщІын щхьэкІэ (Иудэ 6, 7);
зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэхэм пщІэ яхуэтщІын щхьэкІэ (Иудэ 8, 9)
Библием ит щІэныгъэхэм дытету, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ (Иудэ 20, 21).