ДИ ГЪАЩІЭР
Мы дунейм и гупсысэкІэр къызыхэщ Іуэхугъуэхэр уи хьэгъуэлІыгъуэм хремыт
Унагъуэ зыухуэну мурад зыщІа Иеговэ и лэжьакІуэхэм хьэгъуэлІыгъуэм теухуауэ унафэ куэд ящІын хуейщ. Абыхэм я щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэм тету хьэгъуэлІыгъуэшхуэ ямыщІмэ, емыкІу къахьыну къащыхъункІэ хъунущ. Ныбжьэгъухэмрэ благъэхэмрэ абыхэм яфІ къалъыхъуэу хьэгъуэлІыгъуэр зэрекІуэкІын хуейм теухуауэ чэнджэщ иратынкІэ хъунущ. Щауэмрэ нысащІэмрэ я хьэгъуэлІыгъуэр екІуу екІуэкІын икІи фІыкІэ ягу къинэжын щхьэкІэ Библием ит сыт хуэдэ принципхэм егупсысын хуей?
«СВАДЬБЫ, КОТОРЫЕ ПРИНОСЯТ ЧЕСТЬ ИЕГОВЕ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Никрэ Джулианэрэ Библием ит мы принципхэр дауэ къадэІэпыкъуа?
Зэрышэну мурад зыщІахэм я хьэгъуэлІыгъуэм и Іуэхузехьэу щытын щхьэкІэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш гуэр къыщІыхахын хуейр сыт? (Ин 2:9, 10).
Никрэ Джулианэрэ я хьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуагъэхьэзырым сыт иджыри зэгупсысар?
ХьэгъуэлІыгъуэр къызэрызэгъэпэщынми зэрекІуэкІынми теухуа унафэр къэзыщтэну япэ дыдэу зи пщэ дэлъыр хэт? (w06-U 15/10 25, абз. 10).