ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым и Псалъэр уэ лъапІэу зэрыплъытэр сытым къыхэщрэ?
Библиер къызыбгъэдэкІыр Алыхь Иеговэщ. А тхылъым абы и псалъэхэмрэ и гупсысэхэмрэ итщ (2Пт 1:20, 21). Алыхьым фІэкІа тепщэу щытыну хуитыныгъэ зыми зэримыІэр Пащтыхьыгъуэм наІуэ ищІа иужь цІыхухэм я гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжыныр Библием итщ. Абы нэмыщІ уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр а тхылъым къытхузэІуех (Пс 86:15).
Дэтхэнэ зыми Иеговэ и Псалъэр лъапІэу щІэтлъытэн щхьэусыгъуэ диІэщ. Ауэ а тыгъэм щхьэкІэ уэ фІыщІэ зэрыпщІыр къэбгъэлъагъуэу пІэрэ? Библием махуэ къэс уеджэу пІэрэ икІи абы ит чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпу пІэрэ? «Сыту уи хабзэр фІыуэ слъагъурэ!» жиІэу 119-нэ Псаломыр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ уэри узэриІэр уи ІуэхущІафэхэмкІэ къэгъэлъагъуэ (Пс 119:97).
«ОНИ ЦЕНИЛИ БИБЛИЮ. ФРАГМЕНТ (УИЛЬЯМ ТИНДАЛ)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Библием щыщ Іыхьэхэр Уильям Тиндал и бзэмкІэ щІызридзэкІыр сытыт?
Уильям Тиндал Библиер зридзэкІын щхьэкІэ сыт хуэдиз къару ирихьэлІар икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
Абы зридзэкІа Библиехэр Англием дауэ ириша?
Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми Алыхьым и Псалъэр лъапІэу зэрытлъытэр дауэ къэдгъэлъэгъуэфыну?