ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, ІуэхуфІхэм фыхуэпабгъэ!
Апостол Паул Тит хуитха письмом щІалэ ныбжьыщІэхэр, езы Тити абыхэм яхэту, хуигъэушащ «фІы зэращІэмкІэ нэгъуэщІ цІыхухэм сыт и лъэныкъуэкІи щапхъэ яхуэхъуну» (Тит 2:6, 7). А письмом Паул иджыри къыщыхигъэщащ Иеговэ и лэжьакІуэхэр «фІы щІэным ягурэ я псэкІэ хэту, езым и лъэпкъ хъун папщІэ» къызэрыхихар (Тит 2:14). А ІуэхуфІхэм хохьэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр гъэІунымрэ гъэсэнхэр гъэхьэзырынымрэ. Уэ ущІалэу щытмэ, пионеру е подсобнэ пионеру улэжьэн щхьэкІэ уи къарур къэбгъэсэбэпыфыну пІэрэ? (Пр 20:29, Гъэс.).
Уэ пионеру улэжьэну ухуеймэ, уи мурадыр къохъулІэфын хуэдэу уи Іуэхухэр теухуэ (Лк 14:28—30). Полновременнэ лэжьыгъэр бгъэзащІэу, уи щхьэр зэрыппІыжыну щІыкІэм икІи сыхьэт бжыгъэ бгъэзэщІэн хуейм узэрыпэлъэщыфыну щІыкІэм егупсыси тхы. Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу (Пс 37:5). Уи адэ-анэмрэ куэд щІауэ пионеру лажьэхэмрэ мурад пщІам теухуауэ епсалъэ. Абы иужькІэ лъэбакъуэ чы. Иеговэ нэхъыбэу ухуэлэжьэну уиІэ мурадыр Іэмал имыІэу къыуигъэхъулІэнущ!
«ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ ИЕГОВЭ ЯГЪЭЛЪАПІЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Пионер лэжьыгъэр къэзыщтэну мурад зыщІа къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІа? Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар?
Пионер лэжьыгъэр къащтэну адэ-анэхэр я бынхэм дауэ ядэІэпыкъуфыну?
ХъыбарыфІыр зэрыбгъэІуным и график зэхэплъхьэн щІыхуейр сыт?
Къуэш, шыпхъухэм зэхуэсым хэт пионерхэр дауэ ягъэгушхуэфыну икІи ядэІэпыкъуфыну?
Иеговэ пионерхэм дауэ зэрыдэІэпыкъур?
Пионер лэжьыгъэр къэсщтэну сиІэ мурадыр къызэхъулІэн щхьэкІэ сыт сщІэ хъунур?