ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм яригъусэ
Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм даригъусэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дызигъусэм елъытауэ нэхъыфІ е нэхъ Іей дыхъуфынущ (Пр 13:20, Гъэс.). Апхуэдэу пащтыхь Иоас дин пашэшхуэ Иодай игъусэху Иеговэ и фІэфІ Іуэхухэр ищІэу щытащ (2Лт 24:2). Ауэ Иодай лІа иужь Иоас ныбжьэгъугъэ Іей къызэрыхихам къыхэкІкІэ Иеговэ къигъэнащ (2Лт 24:17—19).
Апостол Паул япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм я зэхуэсыр — «унэшхуэм», езы къуэш, шыпхъухэр «хьэкъущыкъухэм» иригъэщхьащ. Дэ «хьэкъущыкъуфІу» дыкъанэу жыпІэ хъунущ Иеговэ игу иримыхь зыщІэхэр ныбжьэгъу дымыщІмэ, ахэр ди благъэу щытми е зэхуэсым щыщми (2Тм 2:20, 21). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи абы нэхъыбэу ухуэлэжьэну ухуэзыгъэушхэр ныбжьэгъу щІы.
«ЗЭРАН КЪЫПХУЭХЪУ НЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ІЭЩІЫБ ПЩІЫУЭ ЗЕГЪАСЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Гу лъыдмытэурэ нэгъуэщІхэм я хьэл мыхъумыщІэхэр зэрызыхэтлъхьэнкІэ хъунур дауэ?
Ди шыпхъумрэ ди къуэшитІымрэ сыт къадэІэпыкъуар зэран къахуэхъу ныбжьэгъугъэр къагъэнэну?
НыбжьэгъуфІхэр къыхэпхыну Библием ит сыт хуэдэ принципхэра уэ къыбдэІэпыкъунур?
Сэ «хьэкъущыкъуфІу» сыщыту жыпІэ хъуну? (2Тм 2:21).