ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым ухуэпэжыныра хьэмэрэ уи Іэпкълъэпкъым зебгъэужьыныра къыхэпхыныр?
Физическэ упражненэхэм сэбэпынагъ хэлъу пІэрэ? ДауикІ, хэлъщ. Ауэ Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхугъуэхэм елъытауэ абыхэм сэбэпынагъышхуэ къыпхуахькъым (1Тм 4:8). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм спортым теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зрагъэІэн хуейщ.
«СПОРТЫМ ТЕУХУАУЭ СЫТ УЭ ПЩІЭН ХУЕЙР?» ЖЫХУИІЭ ФЛОМАСТЕРНЭ АНИМАЦИЕМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
1. Спортым сытым ухуригъасэрэ?
2. Спорт лІэужьыгъуэ гуэр къыщыхэпхкІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуищым уегупсысын хуей?
3. Узэплъыну е узэрыджэгуну спорт лІэужьыгъуэм теухуауэ унафэ къыщыпщтэкІэ Псалом 11:5 ит принципыр дауэ къыбдэІэпыкъурэ?
4. Филиппи 2:3, Притчи 16:18 (Гъэс.) ит принципхэр уэ узэрыджэгу щІыкІэм дауэ къыхэщрэ?
5. Узэплъыну е узэрыджэгуну спорт лІэужьыгъуэм зэман куэдыІуэ томыгъэкІуэдэну Филиппи 1:10, ДЩІ ит принципыр дауэ къыбдэІэпыкъурэ?