АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | КОЛОССЭ 1—4
Фи щэныжь бзаджэр зыхэвныжи, щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу зэфшэкІ
3:5—14
Иеговэ и лэжьакІуэ ухъун щхьэкІэ уэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэплъхьауэ къыщІэкІынущ. Уэ абы къару епхьэлІэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэм шэч къытомыхьэ (Иез 33:11). Ауэ щэныщІэм и хьэл-щэнхэр адэкІи бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ зэпымыууэ а Іуэхум къару епхьэлІэн хуейщ. Узэлэжьын хуей хьэл-щэнхэр къэплъэгъуну къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр къыбдэІэпыкъунущ:
Зыгуэрым гужьгъэжь хузимыІэу пІэрэ?
Сыщешами сыщыпІащІэми шыІэныгъэ згъэлъэгъуэфу пІэрэ?
Гупсысэ мыхъумыщІэхэр сигу къэкІмэ, ахэр занщІэу си акъылым зэризгъэкІыным сыхущІэкъуу пІэрэ?
НэгъуэщІ расэхэм е лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм нэмыплъ езмыту пІэрэ?
Иужьрей зэманым зыгуэрым пхъашэу е сыкъэгубжьауэ сыщепсэлъа къэмыхъуауэ пІэрэ?