ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ дауэ абы зэреплъынур?
Унафэ гуэр къэпщтэн ипэ, ар мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхуу щытми щымытми, мыпхуэдэ упщІэкІэ узэупщІыжу пІэрэ: «Мы Іуэхум Иеговэ дауэ зэреплъынур?» жыпІэу? Иеговэ и гупсысэкІэр дэ икІэм нэс зэикІ къыдгурыІуэнукъым, ауэ абы и ПсалъэмкІэ дызыхуэныкъуэ щІэныгъэ къыдитащ «дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыру икІи хуэгъэпсауэ» дыщытын щхьэкІэ (2Тм 3:16, 17; Рм 11:33, 34). Хьисэ Иеговэ зыхуейр нэгъэсауэ къыгурыІуэрт икІи ар зэригъэзэщІэныр и гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытт (Ин 4:34). Дэри Хьисэ хуэдэу Иеговэ игу ирихьын унафэхэр сыт щыгъуи къэдвгъащтэ (Ин 8:28, 29; Еф 5:15—17).
«ПОСТИГАЙТЕ, В ЧЕМ ВОЛЯ ИЕГОВЫ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Библием ит принципхэм дыщІытетын хуейр сыт?
ДызэдэІуэну уэрэдхэр къыщыхэтхкІэ сыт хуэдэ принципхэм дегупсысын хуей?
Ди щхьэцыр зэрытщІынымрэ щыгъынымрэ къыщыхэтхым деж сыт хуэдэ принципхэм дегупсысын хуей?
Ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэхэра дэ иджыри Библием ит принципхэм дыщытетын хуейр?
Иеговэ зыхуейр нэхъыфІу къыдгурыІуэну сыт иджыри къыддэІэпыкъуныр?
Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм теухуауэ унафэ къасщтэхэм сыт къагъэлъагъуэр?