ДИ ГЪАЩІЭР
Библиер зэрыдджым сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхэтхын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Библиер куууэ зэрыдджым и фІыгъэкІэ дэ пэжым «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» къыдгурыІуэу дохъу (Еф 3:18). Дэ ар иджыри къыддоІэпыкъу мы дуней бзаджэм къабзагъэр щытхъумэну икІи «гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэм» быдэу дытетыну (Фп 2:15, 16). Библиер щыдджым деж дэ дызыгъэпІейтей темэхэр зэпкърытх хъунущ. Библие джыным хухэтха зэманыр дауэ нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэп хъунур?
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Едзыгъуэхэр къыхэгъэщ икІи гу зылъыпта гупсысэхэр узэреджэ Библием итхэ, абы электроннэ ІэмэпсымэкІэ уеджэми
Библием ущеджэкІэ мыпхуэдэ упщІэхэмкІэ зэупщІыж: хэт? сыт? дапщэщ? дэнэ? сыт щхьэкІэ? дапхуэдэу?
Іэмэпсымэ щыІэхэр къэбгъэсэбэпурэ нэхъыбэ къащІэ. НэхъыфІу къыбгурыІуэну узыхуей Библием щыщ едзыгъуэр е темэр къэлъыхъуэ
Узэджар къызэрыбгъэсэбэп хъуным егупсыс
КъэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп (Лк 6:47, 48)
«АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ БЫДЭУ УТЕТЫНУ БИБЛИЕР КУУУЭ ЗЭРЫБДЖЫР КЪЫБДОІЭПЫКЪУ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш, ди шыпхъухэм Библиер зэраджым теухуауэ сыт жаІэр?
Библие джыныр тхьэлъэІукІэ сыт щыгъуи щІэбдзэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
Библием щыщ пычыгъуэр нэхъыфІу къыбгурыІуэну сыт сэбэп къыпхуэхъунур?
Узэреджэ Библием сыт иптхэ хъунур?
Узэджам уегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
КъэтщІа щІэныгъэхэр дауэ къэдгъэсэбэпа хъуну?
«Сыту уи хабзэр фІыуэ слъагъурэ! Махуэ псом абы согупсыс» (Пс 119:97)