АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ГАЛАТИЕ 4—6
«А Іуэхум мыхьэнэ щэху» ди дежкІэ иІэщ
4:24—31
Апостол Паул щІагъыбзэ щІэлъу топсэлъыхь зэгурыІуэныгъэщІэр Торэт хабзэм тегъэщІа зэгурыІуэныгъэм къызэрыщхьэщыкІым. Хьисэ Мэссихьрэ абы и гъусэу тепщэу щытынухэмрэ цІыхухэм ядэІэпыкъунущ ахэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІэкІыну (Иса 25:8, 9).
УНЭІУТ ЦІЫХУБЗ ХЬЭДЖЭР Ерусалимыр зи къалащхьэу щыт (Торэт хабзэм и зэгурыІуэныгъэм щІэт) Израилыр |
САРЭ — ЩХЬЭГЪУСЭ ЩХЬЭХУИТЩ «Уафэм щыІэ Ерусалимыр» — Иеговэ и организацэм и Іыхьэ уафэм щыІэращ |
ХЬЭДЖЭР И «БЫНХЭР» Торэт хабзэм тегъэщІа зэгурыІуэныгъэр Иеговэ зрищІылІа икІи Хьисэ гугъу езыгъэхьу ІэщІыб зыщІа журтхэр |
САРЭ И «БЫНХЭР» Мэссихьрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ 144 000-мрэ |
ТОРЭТ ХАБЗЭМ ТЕГЪЭЩІА ЗЭГУРЫІУЭНЫГЪЭМ И ПЩЫЛІЫПІЭР Торэт хабзэм журтхэм ягу къигъэкІыжт ахэр гуэныхьым и пщылІу зэрыщытыр |
ЗЭГУРЫІУЭНЫГЪЭЩІЭМ ХУИТЫНЫГЪЭМ ДЫХУЭЗЫШЭ ГЪУЭГУР КЪЫТХУЗЭІУЕХ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр ди фІэщ зэрыхъум гуэныхьым дыкъызэрыІэщІэкІыну гъуэгур къытхузэІуех |