АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 2 КОРИНФ 4—6
Дэ ди Іэхэр етхьэхкъым
4:16—18
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт жьы хъуа унэ мыхьэнэншэм унагъуитІ щыпсэууэ. Япэ унагъуэм щыщхэр нэщхъейщ. Ауэ етІуанэ унагъуэм щыщхэр мэгуфІэ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Ахэр куэд дэмыкІыу унэщІэм Іэпхъуэнущ.
Библием щыжыІащ: «Тхьэм къигъэщІа псори иджыри къэс щэІуу... гугъуехь зэрашэчыр дощІэ» (Рм 8:22). Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм къару къезыт гугъэ яІэщ. ДунеищІэм мыухыж гъащІэ диІэным илъэс куэд щІауэ диІэ гугъуехьхэр ебгъапщэмэ, ахэр «мащІэу икІи кІэщІу» зэрыщытыр дэ дощІэ. КъэкІуэну зэманым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну фІыгъуэхэм ди акъылыр щытедухуэм деж дэ гуфІэгъуэ зыхыдощІэр икІи ди Іэхэр етхьэхкъым.