АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | РИМ 12—14
Лъагъуныгъэ бгъэлъэгъуэным сыт къикІыр?
Зыгуэрым ди жагъуэ къищІамэ, лъагъуныгъэм дыхуигъэушынущ абы зэрыхуэдгъэгъум икІи къыдищІар зэредмыщІэжым нэмыщІ, а цІыхум фІыуэ дыхущытыну. Рим 12:20 щыжыІащ: «Уи бийр мэжалІэмэ, гъашхэ, псы хуэлІэмэ, псы егъафэ; апхуэдэу пщІымэ, фІамыщІ плъахэр бийм и щхьэм теплъхьэнущ». Ди жагъуэ къэзыщІам фІыуэ дызэрыхущытым хуигъэушыфынущ ар и гукІи и псэкІи хущІегъуэжыну.
ЗэрымыщІэкІэ зи жагъуэ пщІа цІыхур абы щхьэкІэ къэмынэу фІыуэ къызэрыпхущытым къыхэкІкІэ сыт уэ зыхэпщІар?