ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb19 Февраль н. 3
  • Алыхьым и хьэл-щэн нэрымылъагъухэр плъагъуу пІэрэ уэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и хьэл-щэн нэрымылъагъухэр плъагъуу пІэрэ уэ?
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм фыкІэлъыплъурэ, абы теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Фи сабийхэм Иеговэ евгъэцІыхун щхьэкІэ, и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъевгъатэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Иеговэ и лъагъуныгъэр и ІэдакъэщІэкІхэм къыхощ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
mwb19 Февраль н. 3

ДИ ГЪАЩІЭР

Алыхьым и хьэл-щэн нэрымылъагъухэр плъагъуу пІэрэ уэ?

ЩхъуэкІэплъыкІэ удз гъэгъа дахэм, вагъуэбэ уафэм, удэзыхьэх псыкъелъэм ущеплъкІэ, ахэр псори Алыхьышхуэм и ІэдакъэщІэкІыу зэрыщытыр плъагъуу пІэрэ уэ? Дыкъэзыухъуреихь дунейм Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр ІупщІу хыболъагъуэ (Рм 1:20). ДыкъэувыІэу дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм дыкІэлъыплъу щытмэ, дэ абыхэм хэтлъэгъуэнущ Алыхьым и къарур, и лъагъуныгъэр, и Іущагъыр, и захуагъэр. Абы нэмыщІ а псом Алыхьым и хьэлэлагъыр къыхощ (Пс 104:24).

Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ сыт хуэдэхэр уэ махуэ къэс плъагъурэ? Къалэдэсхэри кІэлъыплъыфынущ бзухэм, жыгхэм. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрыкІэлъыплъыр къыддэІэпыкъунущ ди гугъуехьхэм теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну икІи абыхэм нэгъуэщІынэкІэ деплъыну. Абы нэмыщІ Иеговэ игъащІэ псокІэ и нэІэ къызэрыттригъэтыным теухуауэ дэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынущ (Мт 6:25—32). Уэ сабий уиІэмэ, абы дэІэпыкъу Иеговэ и хьэл-щэн дахащэхэр къилъэгъуну. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дегупсысыху дэ абы ди гур хегъахъуэ икІи Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуохъу (Пс 8:3, 4).

«ЧУДЕСА ТВОРЕНИЯ ПРОСЛАВЛЯЮТ БОГА. СВЕТ И ЦВЕТ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Сытым и фІыгъэкІэ дэ плъыфэхэр зэрызэхэдгъэкІыр?

  • Плъыфэхэр зэрызэщІэпщІыпщІэм сыт и щхьэусыгъуэр?

  • Сыт уафэм плъыфэ зэмылІэужьыгъуэ иІэ щІэхъур?

  • Сыт хуэдэ плъыфэ зэмылІэужьыгъуэ зэкІухэр ущыпсэу щІыпІэм щыплъэгъуа?

  • Дыкъэзыухъуреихь дуней дахэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ сыт зэман хэтхын щІыхуейр?

Иеговэ нэхумрэ плъыфэхэмрэ къызэрыдитам и сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къигъэлъагъуэрэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын