Дыгъэгъазэм и 31 — ЩІышылэм и 6
АПОСТОЛХЭМ 19, 20
103-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапІэм хъумакІуэу фызыхуигъэува цІыху гупми фахуэсакъ» (дакъ. 10)
Апост 20:28. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсыр зыхуей хуагъазэ (w11-U 15/6 20, абз. 5)
Апост 20:31. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм «жэщ, махуэ жамыІэу» ди къуэш, ди шыпхъухэм дэІэпыкъуну хьэзырщ (w13-U 15/1 31, абз. 15)
Апост 20:35. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр псэемыблэжу щытын хуейщ (bt-U 172, абз. 20)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Апост 19:9. Псэемыблэжу улэжьэнымрэ нэгъуэщІхэм я Іуэхум зыдебгъэкІунымрэ теухуауэ Паул сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэнар? (bt-U 161, абз. 11)
Апост 19:19. Ефес дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я щапхъэм сытым дыхуригъэсэфыну? (bt-U 162, абз. 15)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Апост 19:1—20
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Ещанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» еплъ.
ЕплІанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): уэ езым едзыгъуэ къыхэх икІи къытебгъэзэжын щхьэкІэ упщІэ къэгъанэ.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): jl-U 15-нэ урокыр.
ДИ ГЪАЩІЭР
Зэхуэсым нэхъыбэу дэІэпыкъуну хуей зи щІалэгъуэ къуэшхэр вгъасэ (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Обучайте молодых братьев, которые хотят больше помогать собранию» (раздел БИБЛИЯ) жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ. Абы иужь мы упщІэхэр ты: зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ зэхуэсым щагъэзащІэрэ? (Апост 20:28). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм адэкІи къуэшхэр щІагъэсэн хуейр сыт? Хьисэ апостолхэр игъасэу зэрыщытам сытым зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуригъэсэфыну? Къуэшхэр дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр ахэр зэрагъасэм? (Апост 20:35; 1Тм 3:1). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшхэр дапхуэдэу ягъэсэфыну? Зэхуэсым и нэхъыжьхэр ягъасэхэм дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр?
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): Ivs пс. 6, абз. 1—9
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
118-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ