АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОСТОЛХЭМ 9—11
Хьисэ и гъэсэнхэр ерыщу гугъу езыгъэхьу щыта цІыхум хъыбарыфІыр псэемыблэжу игъэІун щІедзэ
Щаул къищІам занщІэу тету псэун щІидзащ. Адрейхэм емылъытауэ сыт абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр щІыхилъхьар? Ар зыщышынэр цІыхухэратэкъым, атІэ Алыхьырат икІи Хьисэ къыхуищІа гущІэгъур хуабжьу и гум нэсат. Уэ Библиер бджыуэ, ауэ псым иджыри зыщІомыгъэуамэ, Щаул хуэдэу тегушхуэныгъэ бгъэлъэгъуэну пІэрэ икІи къэпщІам утетыну пІэрэ?