АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИУАН 9, 10
Хьисэ и мэлхэм и нэІэ ятригъэтщ
Мэлыхъуэмрэ мэлхэмрэ я зэхущытыкІэм лъабжьэ хуэхъур щІэныгъэмрэ дзыхь щІынымрэщ. Хьисэ «мэлыхъуэфІщ», абы дэтхэнэ и зы мэлри фІыуэ ецІыху икІи ар зыхуэныкъуэри, фІыуэ хэлъхэри, и тІасхъапІэхэри ещІэ. Мэлхэми я мэлыхъуэр яцІыху, дзыхь хуащІ икІи сыт щыгъуи абы йодаІуэ.
Дапхуэдэу ди «мэлыхъуэфІым»...
и мэлхэр зэрызэхуишэсыр?
и мэлхэм гъуэгу пэжыр зэраригъэлъагъур?
и мэлхэр зэрихъумэр?
и мэлхэр зэригъашхэр?