АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛУКА 12, 13
«Бзу Іэджэм нэхърэ фынэхъ лъапІэщ фэ»
Лука 12:6, 7 ит псалъэхэр сыт хуэдэ контекстым хэту Хьисэ жиІа? 4-нэ едзыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжреІэ абыхэм къапэщІэувэнухэм икІи зыукІыну хэтынухэм ахэр ящымышынэну. Абы и гъэсэнхэр къэкІуэну зэманым зыпэщІэхуэну гугъуехьхэм хуигъэхьэзырт. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри лъапІэу къызэрилъытэр Хьисэ абыхэм яжриІащ икІи Иеговэ хуэмыгъэзахуэжын лъэпкъ абыхэм къазэрыщимыгъэщІынымкІэ къигъэгугъащ.
Я фІэщхъуныгъэм къыхэкІыу гугъуехь зрагъэшэчхэм щхьэкІэ Иеговэ зэрыгузавэм дэ дауэ щапхъэ тетхыфыну?
Я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэт тутнакъым исхэм теухуауэ иужьрей информациер дэнэ къыщыдгъуэтыфынур?
Нобэрей махуэм ирихьэлІэу ди къуэш, ди шыпхъуу я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым исщ.