ДИ ГЪАЩІЭР
Адэ-анэхэ, фи бынхэм гъуэгу пэжыр къыхахыну фадэІэпыкъу
Хьисэ и лъэужь ирикІуэ адэ-анэхэр щІохъуэпс я бынхэр Иеговэ и лэжьакІуэ пэж хъуну. Абы щхьэкІэ сабийм удэІэпыкъун хуейщ ар цІыкІу щІыкІэ Библием ит пэжыр фІыуэ илъагъуну (Вт 6:7; Пр 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Тыншу пІэрэ ар? Хьэуэ, тыншкъым. Ауэ абы къыпэкІуэну фІыгъуэм къару куэд епхьэлІэну хуэфащэщ (3Ин 4).
Исуфрэ Мэриемрэ я щапхъэм адэ-анэхэр куэдым хуригъэсэфынущ. Ахэр «Ерусалим гъэ къэс кІуэрт, ІутІыж махуэшхуэр ягъэлъэпІэну», абы къарурэ ахъшэ куэдрэ зэрытекІуадэм щхьэкІэ къэмынэу (Лк 2:41). Нэрылъагъущ, а унагъуэм дежкІэ Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэращІыным мыхьэнэшхуэ иІэу зэрыщытар. Абы ещхьу нобэ адэ-анэхэми яІэ Іэмал псори къагъэсэбэп хъунущ я псалъэхэмкІэ, я щапхъэхэмкІэ я сабийхэр ягъэсэн папщІэ (Пс 127:3—5).
«АБЫХЭМ НЭХЪЫБЭ ЯЩІЭНУ ІЭМАЛ КЪАЛЪЫХЪУЭТ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Шиллерхэ я унагъуэм Иеговэ хуэлэжьэныр япэ ирагъэщу зэрыщытар сытым къигъэлъагъуэрэ?
Адэ-анэхэм сабий къэс бгъэдыхьэкІэ зырыз къыхуагъуэтыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
Адэ-анэхэм я бынхэм я фІэщхъуныгъэм гъэунэхуапІэ хуэхъуну Іуэхугъуэхэм дауэ хуагъэхьэзырыфыну?
Фи сабийхэм Алыхьым хуаІэ лъагъуныгъэр хагъэхъуэн щхьэкІэ фадэІэпыкъуну ди организацэм къыдит сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр сэбэп къыфхуэхъурэ?
Фи унагъуэм япэ увыпІэр Иеговэ и лэжьыгъэм щрыреубыд