ДИ ГЪАЩІЭР
«Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр...»
Мусэ и хабзэм тету, зи щхьэгъусэр изыгъэкІыжыну хуей цІыхухъум юридическэ документ игъэхьэзырын хуейт. Апхуэдэ хабзэм зэщхьэгъусэхэм епІэщІэкІыу я нэчыхьыр зэрамыкъутэжыным щихъумэт. Ауэ Хьисэ и зэманым дин пашэхэм нэчыхь къутэжыныр тыншу зэфІагъэкІ хъуащ. ЦІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ щхьэкІи ярагъэкІыжыфт (nwtsty-U комментарии). Хьисэ фарисейхэм щепсалъэм щыгъуэ къыхигъэщащ нэчыхьыр къэзыгупсысари зыгъэувари Иеговэу зэрыщытыр (Мк 10:2—12). Алыхьым и мурадымкІэ зэщхьэгъуситІыр «зыпкъ» хъууэ игъащІэкІэ зэдэпсэун хуейщ. Маттэ 19:9 итым къызэригъэлъагъуэмкІэ, зэщхьэгъуситІым я нэчыхьыр щІакъутэж хъуным зы щхьэусыгъуэщ иІэр — ар зинэ щІэныращ.
Нобэ цІыху куэдыр Хьисэ хуэдэу нэчыхьым хущыткъым, атІэ фарисейхэм хуэдэу нэчыхьым абыхэм пщІэ хуащІкъым. Ахэр гугъуехь пэщІэхуа иужь хэкІыпІэу ялъагъур я нэчыхьыр зэракъутэжыныращ. Ауэ абыхэм елъытауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр я щхьэгъусэм ирата псалъэм хуэпэжу къонэ икІи Библием ит чэнджэщхэр къагъэсэбэпурэ я гугъуехьхэм зэрыпэлъэщыным хущІокъу. «Крепкая семья строится на любви и уважении» жыхуиІэ видеороликым еплъи, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет:
Притчи 15:1 (Гъэсэпэтхыдэхэр) ит чэнджэщыр уи унагъуэм дауэ къыщыбгъэсэбэп хъуну икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
Притчи 19:11 ит чэнджэщыр гугъуехьхэм зыщытхъумэну дауэ къызэрыддэІэпыкъунур?
Фи нэчыхьыр къутэжыным нэсамэ, уи щхьэгъусэм узэрыбгъэдэкІыжыным уемыгупсысу, сыт хуэдэ упщІэм уегупсысын хуей?
Маттэ 7:12 ит принципыр щхьэгъусэфІ ухъуну дауэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?