АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАРК 3, 4
Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужар
3:1—5
Иудей дин пашэхэр щэбэт махуэм теухуа хабзэм зэрыхущыту щытар сыт Хьисэ Іейуэ игу къыщІеуар? Абыхэм а хабзэр пхуэмыгъэзэщІэну гугъу ящІат, езыхэм къагупсысыжа хабзэ мыхьэнэншэхэр щІагъужри. Псалъэм папщІэ, щэбэт махуэм бжьыдзэ букІ хъунутэкъым. Сымаджэр бгъэхъуж щыхъунур, абы и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъуэ щыІэу щытмэт. Зыгуэр зыкъутэжа цІыхум щэбэт махуэм удэІэпыкъу хъунутэкъым. Зэрытлъагъущи, дин пашэхэм зи Іэр гъуа цІыхухъум я гур щІэузакъым.