АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 10, 11
Хьисэ гузэгъэгъуэ къыдитыну дыкъигъэгугъащ
«Си бжьыр шэчыгъуафІэщ»
Хьисэ пхъащІэу щытати, абы ищІэт бжьыр тыншу зэрыпщІ хъунур. Бжьыр зэрыхъукІэ нэхъ тынш хъун щхьэкІэ, ар хъыданкІэ е фэкІэ къешыхьэкІын хуейт. Псым зыщІэдгъауэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ зы дыщыхъум деж Хьисэ и бжьым дыщІэувэу жыпІэ хъунущ. Дэ апхуэдэу псалъэ дот Иеговэрэ Хьисэрэ я унафэм дыщІэтыну. Абы дэ гугъу дригъэхькъым, атІэ гуфІэгъуэрэ фІыгъуэ куэдрэ къытхуехь.
Хьисэ и бжьым узэрыщІэувэ лъандэрэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр зыхэпщІа?