АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 8, 9
Хьисэ цІыхухэр фІыуэ илъагъут
Маттэ и 8-нэ, 9-нэ псалъащхьэхэр Хьисэ Галилей хэкум хъыбарыфІыр щигъэІуам ищІа Іуэхугъуэ зыбжанэм топсэлъыхь. Хьисэ цІыхухэр игъэхъужурэ къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъар къигъэлъэгъуащ, икІи абы наІуэ ищІт лъагъуныгъэшхуэрэ гущІэгъурэ цІыхухэм зэрыхуиІэр.
Хьисэ уэшын уз зыпкърыт цІыхухъур игъэхъужащ (Мт 8:1—3).
Хьисэ дзэ пашэ гуэрым и унэІутыр игъэхъужащ (Мт 8:5—13)
Абы Петр и щыкъу анэр игъэхъужащ (Мт 8:14, 15).
Абы жин бзаджэхэр цІыхухэм къахихужт икІи сымаджэхэр игъэхъужт (Мт 8:16, 17).
Абы жин бзаджэхэр цІыхухэм къахихужри, кхъуэ хъушэм хигъэхьащ (Мт 8:28—32).
Хьисэ пкъыуэ хъуа цІыхухъур игъэхъужащ (Мт 9:1—8).
Абы и щыгъыным къеІуса цІыхубзыр игъэхъужащ икІи Иаир и пхъур лІахэм къахигъэтэджыкІыжащ (Мт 9:18—26).
Абы нэфхэмрэ бзагуэмрэ игъэхъужащ (Мт 9:27—34).
Хьисэ къалэхэр, къуажэхэр къызэхикІухьырт, «уз зыпкърыт дэтхэнэ цІыхури, дэтхэнэ цІыху гукъыдэмыжри игъэхъужурэ» (Мт 9:35, 36).
Дауэ сэ лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ нэхъыбэу зэрызгъэлъэгъуэфынур?