АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 1—3
«Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ»
Иуан и щыгъынми и теплъэми къигъэлъагъуэт ар мылъкум зэрыхущІэмыкъуар икІи Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэну къарууэ иІэр ирихьэлІэу зэрыщытар.
Абы пщІэшхуэ пылъу илъытэт Мэссихь и къэкІуэгъуэм цІыхухэр хуигъэхьэзырыну Іэмал зэриІам икІи абы щхьэкІэ куэдым зыхуигъэныкъуэну ар хьэзырт.
Ди гъащІэр мылъкум етауэ зэрыщымытыр къыддоІэпыкъу Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъыбэрэ дыхэтыну икІи дэ абы гуфІэгъуэ куэд къытхуехь. Мы чэнджэщхэр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым нэхъыбэ хуэтщІэну:
Пэж дыдэу узыхуэныкъуэр сытми зэхэгъэкІ.
Ахъшэр зытомыгъэкІуэдапхъэм томыгъэкІуадэ.
Ахъшэр зытебгъэкІуэдэныр теухуэ.
Хьэпшып узыхуэмейхэр зэхуомыхьэс.
Уи щІыхуэхэр тыж.
Лэжьыгъэм зэман тебгъэкІуадэр нэхъ мащІэ щІы.
Иуан и шхыныгъуэу щытар мацІэрэ губгъуэ форэщ
Мы чэнджэщхэм сытетмэ, сыт хуэдэ мурад къызэхъулІэнур?