Сурэтхэмрэ макъ зыщІэмыт видеороликхэмрэ Библием ит хьэпшыпхэр, Іуэхугъуэ гуэрхэр, щІыпІэ гуэрхэр е нэгъуэщІ зыгуэрхэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну къыддоІэпыкъу.
Виффагие, Елеон Іуащхьэр, Ерусалим
Мы видеоролик кІэщІыр къыддэІэпыкъунущ Ерусалим кІуэ гъуэгум дытет хуэдэу ди нэгу къыщІэдгъэхьэну. Гъуэгум къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ Библие зэманым Виффагиеу ябжу щыта нобэ Эт-Тур жыхуаІэ къалэм деж щыщІедзэри Елеон Іуащхьэм деж щеух. Елеон Іуащхьэм и къуэкІыпІэ лъэныкъуэм Вифаниер щытащ. Абы Хьисэрэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ жэщкІэ къыщыувыІэу щытащ, Ерусалим къыщыкІуэхэм деж. Вифаниер здэщытам деж нобэ Эль-Азарие (Эль-Эйзария) жыхуиІэ къуажэ цІыкІур щытщ. Абы и цІэм хьэрыпыбзэкІэ «Лазар и щІыпІэ» жиІэу къокІ. Марфэ, Мэрием, Лазар сымэ я унэм Хьисэ къыщыувыІэу щытауэ къыщІэкІынущ (Мт 21:17; Мк 11:11; Лк 21:37; Ин 11:1). Абыхэм я унэм къикІыу Хьисэ Ерусалим щыкІуэхэм мы видеороликым къигъэлъэгъуа маршрутым ирикІуэфынут. Ди эрэм 33-нэ гъэм нисаным и 9-нэм Елеон Іуащхьэм зэпрыкІыу шыдыщІэм тесу Хьисэ Ерусалим щыдыхьам ар Виффагие къикІауэ къыщІэкІынущ.
Вифание уикІыу Виффагие узэрыкІуэ гъуэгур.
Виффагие.
Елеон Іуащхьэр.
Кедрон аузыр.
Тхьэм и унэшхуэм и Іуащхьэр.
Лъэдакъэ къупщхьэм гъущІ Іунэ хэлъу
Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ сантиметр 11,5 зи кІыхьагъ гъущІ Іунэ зыхэлъ цІыхум и лъэдакъэ къупщхьэм и копие дыдэр. А къупщхьэр 1968 гъэм Ерусалим и ищхъэрэ лъэныкъуэм къыщагъуэта цІыхухъум и хьэдэ къупщхьэм щыщщ. Ар Рим империем и зэманым хуахь. Абы къегъэлъагъуэ а зэманым яукІыну унафэ ящІа цІыхур пкъом гъущІ ІунэкІэ ираІулІу зэрыщытар. Рим зауэлІхэм Хьисэ Мэссихь пкъом щраІулІам апхуэдэ гъущІ Іунэу къыщІэкІынущ къагъэсэбэпар. ГъущІ Іунэ зыхэлъ къупщхьэр оссуарийкІэ зэджэ хьэдэ къупщхьэр зралъхьэу щыта мывэм къыхэщІыкІа ашыкым илъу къагъуэтащ. Абы къегъэлъагъуэ пкъом ираІулІа цІыхухэр иужькІэ щІалъхьэжу зэрыщытар (Мт 27:35).