АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ОСИЯ 1—7
Иеговэ ифІэфІщ лъагъуныгъэрэ пэжагърэ игъэлъэгъуэну. Уэ-щэ?
Тхыгъэ ЛъапІэм Алыхьым цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъур къытхузэІуех. Абы къегъэлъагъуэ дэри нэгъуэщІхэр фІыуэ тлъагъуну Алыхьыр зэрыхуейр. Библием къыщыгъэсэбэпа лъагъуныгъэ псалъэм къокІ нэгъуэщІым гурыщІэ куу ухуиІэныр. Хьошеа (Осие) бегъымбарымрэ абы епцІыжа и щхьэгъусэ Гомеррэ я щапхъэмкІэ Иеговэ къигъэлъэгъуащ лъагъуныгъэ хэлъу нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр зэрахуигъэгъур. Абы дэри дыхурегъасэ Иеговэ хуэдэу адрейхэм дахущытыну (Ос 1:2; 2:7; 3:1—5).
Сытым къигъэлъагъуэрэ Гомерь лъагъуныгъэрэ пэжагърэ зэрыхэмылъар?
Сытым къигъэлъагъуэрэ израил лъэпкъым лъагъуныгъэрэ пэжагърэ зэрыхэмылъар?
Дауэ Хьошеа лъагъуныгъэрэ пэжагърэ зэригъэлъэгъуар?
Дауэ Иеговэ лъагъуныгъэрэ пэжагърэ зэригъэлъэгъуар?
ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР. Дапхуэдэу сэ лъагъуныгъэрэ пэжагърэ Иеговэ дежкІэ къызэрызгъэлъагъуэ хъуныр?