ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb17 Октябрь н. 3
  • Сыт къыддэІэпыкъуныр Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ дджыну?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сыт къыддэІэпыкъуныр Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ дджыну?
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • Мыбы ещхь материал
  • Библиер куууэ зэрыдджыр дымыжейуэ дысакъыну къыддоІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Уэ Иеговэ зэпымыууэ ухуэлэжьэну?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • Данил щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр куууэ зэпкърыфх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
mwb17 Октябрь н. 3

ДИ ГЪАЩІЭР

Сыт къыддэІэпыкъуныр Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ дджыну?

Даниил иІа фІэщхъуныгъэ быдэм хуэдэ уэри уиІэну ухуейт? Даниил Алыхьым и Псалъэр куууэ иджт икІи бегъымбархэм ятхахэм къикІым куууэ егупсыст (Дан 9:2). Библиер уегугъуу зэрыбджыр къыбдэІэпыкъунущ гъэунэхуапІэ ущихуэм деж Иеговэ хуэпэжу укъэнэну. Дапхуэдэу? Иеговэ жиІа псалъэхэр къызэрыхъунымкІэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынущ (ИсН 23:14). Абы Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу ищІынущ икІи абы сыт щыгъуи уедэІуэну ухуигъэушынущ (Пс 97:10). Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? АдэкІэ къыщыхьа чэнджэщхэм еплъ.

  • Сыт дджыныр? Куууэ Тхыгъэ ЛъапІэр джыным хохьэ зэхуэсхэм зыхуэгъэхьэзырыныр. Тхьэмахуэм и кІуэцІкІэ Библием щыщу дызэджэ пычыгъуэхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхэпхынущ, къыбгурымыІуэ едзыгъуэхэр нэхъ куууэ бджын щхьэкІэ зэман къыхэпхмэ. Иныкъуэхэм къэхъун хуейуэ бегъымбархэм жаІа псалъэхэр е Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр убгъуауэ зэпкърах, Паул миссионеру хъыбарыфІыр игъэІуу зэрыщытам е Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Махуэм и кІуэцІкІэ упщІэ гуэр уиІэ хъумэ, ар зыщІыпІэ итхи, Библиер куууэ щыбджым деж а упщІэр зэпкърых.

  • Сыт хуэдэ Іэмэпсымэ дэ къэдгъэсэбэп хъуныр? «Инструменты для поиска духовных сокровищ» жыхуиІэ видероликым чэнджэщыфІхэр хэтщ. А чэнджэщхэр къэбгъэсэбэпурэ Даниил тхылъым и 7-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ хьэкІэкхъуэкІэхэм къагъэлъагъуэр хэтми къэгъуэт.

  • Библие джыным зэман дапщэ тедгъэкІуэдэныр? Махуэ къэс Библием уеджэмэ, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну ар къыбддэІэпыкъунущ. ЯпэщІыкІэ зэман кІэщІкІэ щІэдзи, хуэмурэ зэманыр хэгъахъуэ. Библиер куууэ джыныр хуэбгъадэ хъунущ налкъутхэр къызэралъыхъуэм: нэхъыбэ къэбгъуэтыхукІэ къару нэхъыбэ епхьэлІэну ухуейщ (Пр 2:3—6). Алыхьым и Псалъэм ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ икІи Тхыгъэ ЛъапІэр бломыгъэкІыу бджымэ, ар хьэл пхуэхъунущ (1Пт 2:2).

    Библиер нэхъ гъэщІэгъуэну бджы зэрыхъуным теухуауэ нэхъыбэ «Что необходимо знать о социальных сетях?» жыхуиІэ брошюрэм къыщыпщІэфынущ (ba819-U, н. 18—20).

ДАНИИЛ ТХЫЛЪЫМ И 7-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭМ ИТ ХЬЭКІЭКХЪУЭКІЭХЭМ СЫТ КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭР?

  • Дан 7:4

  • Дан 7:5

  • Дан 7:6

  • Дан 7:7

УПЩІЭ:

Даниил 7:8, 24 ит псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар?

ИУЖЬКІЭ ЗЭПКЪРЫХ

Апокалипсисым и 13-нэ псалъащхьэм ит хьэкІэкхъуэкІэхэм сыт къагъэлъагъуэр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын