ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. ФІэщхъуныгъэ
МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР
ФІэщхъуныгъэ димыІэмэ, Алыхьыр арэзы тхуэщІынукъым (Евр 11:6).
Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр быдэу ди фІэщ зэрыхъур гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну къыддоІэпыкъу (1Пт 1:6, 7).
ФІэщхъуныгъэ быдэ узэримыІэм гуэныхьым ухуишэфынущ (Евр 3:12, 13).
ДАУЭ ЗЭРЫЗЫХЭПЛЪХЬЭНЫР?
Алыхьым елъэІу фІэщхъуныгъэ нэхъыбэ къыуитыну (Лк 11:9, 13; Гл 5:22).
Алыхьым и Псалъэм еджэ икІи узэджам куууэ егупсыс (Рм 10:17; 1Тм 4:15).
ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІэхэм нэхъыбэрэ дэуэршэр (Рм 1:11, 12).
Дауэ сэ си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрысщІыфынур икІи абыкІэ дауэ си унагъуэми сызэрыдэІэпыкъуфынур?
«АЛЫХЬЫМ ПЭЖУ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР ЗЫХЭФЛЪХЬЭ. ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ: