Бадзэуэгъуэм и 31 — ШыщхьэІум и 6
Иезекииль 24—27
118-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Тирым теухуауэ Иеговэ жиІа псалъэхэр къызэрыхъуар Тхыгъэ ЛъапІэм дзыхь хуэтщІыну къыддоІэпыкъу» (дакъ. 10)
Иез 26:3, 4. Иеговэ Тирыр зэрызэтракъутэныр жиІауэ щытащ абы илъэс 250-м нэхърэ нэхъыбэ иІэжу (si-U 147, абз. 4)
Иез 26:7—11. Тирыр япэу сыт хуэдэ лъэпкъым къиухъуреихьынуми икІи а лъэпкъым и пащтыхьым и цІэри Иезекииль жиІауэ щытащ (ba808-U 20, абз. 2, сноскэ)
Иез 26:4, 12. Иезекииль жиІауэ щытащ Тирым и блынхэр, и унэхэр икІи и щІыр хым зэрыхадзэнур (it-U «Александр», абз. 3)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Иез 24:6, 12. Шыуаным трищІа улъиигъэм сыт къикІыр? (w07-U 1/7 14, абз. 2)
Иез 24:16, 17. Сыт Иезекииль и щхьэгъусэр игъеин щІыхуэмеяр? (w89-U 15/2 18, абз. 24)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Иез 25:1—11
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): фи щІыпІэм нэхъ хуэкІуэ темэ къыхэхи, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу, а темэр цІыхум и гъусэу зэпкърых. ЕтІуанэу къытебгъэзэжыну гурыІуэ.
ЕтІуанэу къытегъэзэжын (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): фызытепсэлъыхьыну къэбгъэгугъа темэр зэпкърых, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу. «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?» жыхуиІэ видеороликым цІыхур егъэплъи ар зэпкърых. Езы видеороликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): «КъэкІуэну зэманым тепсэлъыхь тхылъ» жыхуиІэ темэр зэпкърых, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу. Ебгъаджэр зэІущІэм къегъэблагъэ.
ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым и Псалъэм дзыхь зэрыхуэтщІыр къыддоІэпыкъу гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. Исаия 33:24; 65:21, 22; Иуан 5:28, 29; Апокалипсис 21:4 едзыгъуэхэм тегъэщІащ (псори зэпкъромыхми хъунущ). «Ценим благословения, которые принесет Царство» видеороликыр гъэлъагъуэ. Псори хуэгъэуш дунеищІэм зэрыщыІэныр я нэгу къыщІагъэхьэну, псом хуэмыдэу гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): kr-U пс. 15, абз. 29—36, «Пащтыхьыгъуэр зэрыщыІэр сыт уи фІэщ зыщІыр?» рамкэр
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
134-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ