Бадзэуэгъуэм и 17—23
Иезекииль 18—20
125-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ гуэныхь къытхуигъэгъуауэ щытахэр щыгъупщэу пІэрэ?» (дакъ. 10)
Иез 18:19, 20. Иеговэ зэреплъымкІэ, щхьэж езым ищІамкІэ жэуап ихьыжынущ (bp124-U 18, абз. 2)
Иез 18:21, 22. ЦІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжмэ Иеговэ абы къыхуигъэгъуну хьэзырщ; Иеговэ цІыхум япэм къыхуигъэгъуауэ щыта гуэныхьхэр афІэкІа зэи иригъэпшыныжынукъым (bp124-U 18, абз. 3—7)
Иез 18:23, 32. Иеговэ зэи бзаджащІэхэр иукІкъым, абыхэм захъуэжыну Іэмал яримытауэ (w08-U 1/4 8, абз. 4; w06-U 1/12 27, абз. 11)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Иез 18:29. Израил цІыхухэм Иеговэ захуагъэм темыту ябжу щІыщытар сыт икІи апхуэдэу дэри демыгупсысын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъуныр? (bw537-U 11, абз. 9)
Иез 20:49. ЦІыхухэм Иезекииль и псалъэхэм дзыхь щІыхуамыщІар сыт икІи дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? (w07-U 1/7 14, абз. 3)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Иез 20:1—12
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 2 е нэхъ мащІэ): 1Ин 5:19 «Пэжым хуевгъаджэ». ЕтІуанэу къытебгъэзэжыну гурыІуэ.
ЕтІуанэу къытегъэзэжын (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): ЩІэдз 3:2—5 «Пэжым хуевгъаджэ». Къытебгъэзэжыну гурыІуэ. (mwb16.08 8, абз. 2 еплъ.)
Псалъэ (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): bw570-U 32. «ЦІыхур Иеговэ и Щыхьэт хъужауэ объявление щащІым щыгъуэ, зэхуэсым щыщхэм я гуфІэгъуэр дауэ зэрагъэлъэгъуэфыныр?» жыхуиІэ темэр.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Уи щхьэм къыхуэбгъэгъужауэ пІэрэ?» (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. ЯпэщІыкІэ «Преданно поддерживайте судебные решения Иеговы. Будьте готовы прощать» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.
«Си щыуагъэхэм дауэ сызэрыхущытын хуейр?» (дакъ. 5). Зэгъусэу зэпкърыхын. «НыбжьыщІэхэм къалъыхъуэ жэуапипщІ» жыхуиІэ брошюрэм и 4-нэ псалъащхьэм тегъэщІащ. ЯпэщІыкІэ фІыуэ еджэф гуэрым елъэІу брошюрэм и 12-нэ напэкІуэцІым итым псоми къеджэну.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): kr-U пс. 15, абз. 9—17
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
33-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ