ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ жиІэ псалъэхэр зэригъэзэщІэныр быдэу уи фІэщ хъурэ?
Нун и къуэ Ехьошуарэ Сэлмэнрэ Иеговэ къыбгъэдэкІ дэтхэнэ зы псалъэри зэригъэзэщІэныр быдэу я фІэщ хъут (ИсН 23:14; 1Цр 8:56). А щыхьэтитІым я псалъэхэм дэри ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ (2Кр 13:1; Тит 1:2).
Нун и къуэ Ехьошуа и зэманым дауэ Иеговэ и псалъэхэр зэриІыгъыжар? «Ни одно слово „не осталось неисполненным“» жыхуиІэ видеопостановкэм уи унагъуэм и гъусэу еплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет: 1) Рахав и фІэщхъуныгъэм дауэ щапхъэ зэрытепхыфыныр? (Евр 11:31; Екъуб 2:24—26). 2) ПщІэр къыбгурыІуэу Алыхьым и унафэм ебэкъуэным фІы къызэримыкІынур Ахан и щапхъэм дауэ къызэригъэлъэгъуар? 3) Гаваон цІыхухэр зауэлІ хахуэу зэрыщытам емылъытауэ, сыт Израилым зэгурыІуэныгъэ бзаджагъэкІэ щІращІылІар? 4) Амор щІыналъэм и пащтыхьитхур Израил лъэпкъым езэуэну щыкІуам, дауэ Иеговэ и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? (ИсН 10:5—14). 5) Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ и хабзэхэмрэ япэ зэрибгъэщыр ІуэхукІэ къыщыбгъэлъэгъуам, дауэ Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъуар? (Мт 6:33).
Иеговэ и псалъэр пасэрей зэманым игъэзащІэу зэрыщытам икІи ди зэманым зэригъэзащІэм дегупсысмэ, ар къэкІуэну зэманми и псалъэм зэрытетыжыныр нэхъ быдэу ди фІэщ хъунущ (Рм 8:31, 32).
Нун и къуэ Ехьошуа иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ уиІэу пІэрэ?