АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕРЕМИЯ 49, 50
Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъым и нэфІ щохуэ, ауэ пагагъэ зигу илъым тезыр трелъхьэ
Иеговэ и лъэпкъыр гъэрыпІэм къришыжа иужь, зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа израил цІыхухэм гуфІэгъуэ нэпс щІагъэкІынущ.
Иеговэ абыхэм ярищІылІауэ щыта зэгурыІуэныгъэр ягу къэкІыжынурэ Ерусалим ягъэзэжынущ, Алыхьым пэжу хуэлажьэу щІадзэжын щхьэкІэ.
ЗыкъызыфІэщІыжа Бабилэным Иеговэ тезыр тримылъхьэу къигъэнэнутэкъым и лъэпкъым егъэлеяуэ гущІэгъуншэу зэрыхущытам щхьэкІэ.
Алыхьым зэрыжиІам хуэдэу, Бабилэныр зыри здэщымыпсэу щІыпІэ нэщІ хъуащ.