АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИЕРЕМИЯ 44—48
Мы дунейм ехъулІэныгъэу ибжым ухущІэмыкъу
Варух щІэныгъэшхуэ бгъэдэлъу икІи пащтыхьым и унэм къулыкъу щигъэзащІэу щытауэ къыщІэкІынущ. Ар Иеговэ пэжу хуэлажьэт икІи Иеремие дэІэпыкъут, ауэ зы зэман гуэркІэ Варух и гъащІэм ипэ иригъэщым зихъуэжащ — мы дунейм лъапІэу ибжым хущІэкъуу щІидзащ. Абы увыпІэ нэхъ лъагэ е мылъку зригъэгъуэтыну хущІэкъуу щІидзауэ къыщІэкІынущ. Ерусалимыр щызэтракъутэну зэманым къелын щхьэкІэ, Варух и еплъыкІэр ихъуэжын хуейт.