ДИ ГЪАЩІЭР
Зэхуэсым къэмыкІуэжхэм дэІэпыкъу
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зэхуэсым къэмыкІуэж куэд къокІуэ. Апхуэдэ ди къуэш, ди шыпхъухэм гъащІэм ухуэзышэ гъуэгум жыджэру ирикІуэн щІадзауэ щытащ, ауэ абыхэм хуэм защІащ (Евр 12:1). Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ икІи а щхьэусыгъуэхэм теухуауэ «Вернись к Иегове» брошюрэм итщ. Абыхэм хуэм защІа пэтми, Иеговэ ахэр иджыри фІыуэ елъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр и Къуэм и лъы лъапІэмкІэ къищэхужащ (Апост 20:28; 1Пт 1:18, 19). Дауэ абыхэм зэхуэсым къагъэзэжын щхьэкІэ дазэрыдэІэпыкъу хъуныр?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэІущІэхэм къэмыкІуэжхэр къалъыхъуэ, дэІэпыкъун щхьэкІэ, мэлыхъуэм и мэл цІыкІу кІуэдар къигъуэтыжыну зэрыхэтым хуэдэу (Лк 15:4—7). АбыкІэ Иеговэ абыхэм и нэІэ зэрытригъэтыр икІи фІыуэ зэрилъагъур егъэлъагъуэ (Иер 23:3, 4). Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм имызакъуэу дэри апхуэдэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуфынущ. Дэ къару етхьэлІэхэм фІыгъуэ куэд къытхуахьынущ икІи ахэр Иеговэ щыгъупщэнукъым (Пр 19:17; Апост 20:35; Евр 6:10). Аращи, хэт сэбэп ухуэхъуфынуми егупсыси, абы псынщІэу узэрыдэІэпыкъуным иужь ит!
«ВНИМАНИЕ К НЕАКТИВНЫМ» ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Сыт Эбби ищІар хъыбарыфІыр игъэІуу зэхуэсым къэмыкІуэж имыцІыху ди шыпхъум щыхуэзам?
Зэхуэсым къэмыкІуэж гуэрым удэІэпыкъун ипэ сыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм уечэнджэщын щІыхуейр?
Лорэ деж етІуанэу кІуэн ипэ дапхуэдэу Эбби зэрызигъэхьэзырар?
Дауэ Эбби Лорэ щыдэІэпыкъум и Іэр иримыхьэхыу шыІэныгъэрэ лъагъуныгъэрэ зэригъэлъэгъуар?
Лука 15:8—10 ит Хьисэ къихьа щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?
Эббирэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къару ирахьэлІахэм сыт къыпэкІуар?