ДИ ГЪАЩІЭР
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Іуэхугъуэхэм фащыгуфІыкІ
Ди гум гугъэ илъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Евр 6:19). Борэным хуэбгъадэ хъуну гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм гъуэгу пэжым дыкъытрамышыну ди гугъапІэр къыддэІэпыкъуфынущ (1Тм 1:18, 19). Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну зэран къытхуэхъун борэнхэу щытыфынущ: ди щыуагъэхэр, мылъку тфІэкІуэдар, узыфэхэр, фІыуэ тлъагъу гуэр дунейм зэрехыжар е нэгъуэщІ гугъуехьхэр.
Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ ІыхьэфІыр къыщытлъысыну зэманыр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну къыддоІэпыкъу фІэщхъуныгъэмрэ гугъапІэмрэ (2Кр 4:16—18; Евр 11:13, 26, 27). Абы къыхэкІыу Тхыгъэ ЛъапІэм ит Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псом дегупсысурэ — уафэм е щІылъэм дыщыпсэунуми — гугъэ диІэр быдэ тщІын хуейщ. ИтІанэ нэхъ тынш хъунущ гъэунэхуапІэхэм дихуа нэужь гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдыну (1Пт 1:6, 7).
«РАДУЙТЕСЬ В НАДЕЖДЕ» ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ МЫ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Мусэ сыткІэ дэ щапхъэ тетхыфыну?
Сыт хуэдэ къалэн унагъуэм я нэхъыжьхэм яІэр?
Зэгъусэу унагъуэм Библиер щыбджым деж сыт хуэдэ темэхэр зэпкърыпх хъуну?
Гугъэр дауэ къыбдэІэпыкъуфыну гъэунэхуапІэ уихуа нэужь теубыдагъэ пхэлъыну?
Сыт уэ къыпхуэмыгъэсу узыпэплъэр?