АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСАИЯ 29—33
«Пащтыхьыр, пэжыгъэр иухуэжын щхьэкІэ, тепщэу щытынущ»
Пащтыхь Хьисэ «пщыхэр», е зэхуэсым и нэхъыжьхэр, и мэл хъушэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ трегъэувэ
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр, «уэлбанэм укъезыгъэл егъэзыпІэм» ещхьу, хъушэм бийхэр щытеуэм деж, ар яхъумэ икІи я Іэр ирамыхьэхын щхьэкІэ доІэпыкъу
«Къумым щыІэ псыежэхым» къару къызэрыпхилъхьэжым хуэдэу, абыхэм Алыхьыр къэзылъыхъуэ цІыхухэм псы къабзэм ебгъэщхь хъуну пэжыр бгъэдалъхьэ
«Псы хуэлІа щІыпІэм ит къырым» жьауэ къыузэритым хуэдэу, абыхэм хъушэр ягъэгушхуэ икІи зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр ират