АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСАИЯ 24—28
Иеговэ и лъэпкъым зыхуэныкъуэр ирет
ХьэщІагъэшхуэ зыгъэлъагъуэ цІыхум хуэдэу, Иеговэ дызыхуэныкъуэ ерыскъыр — ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ псор — берычэту къыдет.
«Дзэхэм я Алыхь Иеговэ лъэпкъ псом щхьэкІи Іэнэ игъэувынущ»
Бегъымбархэм я зэманым цІыхухэр Іэнэм зэгъусэу зэрыбгъэдэсым къигъэлъагъуэт ахэр зэныбжьэгъуу зэрыщытыр
«КуцІрэ дагъэкІэ гъэнщІа шхыныгъуэхэр, яза икІи щытынкІэ ирикъуа шагъыр къахутригъэувэнущ»
КуцІрэ дагъэкІэ гъэнщІа шхыныгъуэхэм, яза икІи щытынкІэ ирикъуа шагъырым Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ нэхъыфІ дыдэр къызэрыдитыр къегъэлъагъуэ