АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПРИТЧИ 7—11
Уи гур гъуэгу мыхъумыщІэм щыхъумэ
Иеговэ и хабзэхэм дэ дахъумэ. Ахэр дэ сэбэп тхуэхъун щхьэкІэ, ди гум идгъэлъын хуейщ (Пр 7:3). Иеговэ и лэжьакІуэм и гур гъуэгу мыхъумыщІэм щимыхъумэмэ, ШейтІаным и бзаджагъэм пэщІэтыфынукъым икІи абы игъэув къапхъэнхэм ихуэнущ. Притчи тхылъым и 7-нэ псалъащхьэр гъуэгу пэжым текІа щІалэщІэм топсэлъыхь. Сыт дэ къыддэІэпыкъуныр абы ищІа щыуагъэхэр дымыщІэну?
Зэрытлъагъуфыр
Фэм зэрызыхищІэфыр
Іум зэрызыхищІэфыр
Мэхэр къызэрытщІихьэфыр
Зэрызыхэтхыфыр
А псор къигъэсэбэпу, ШейтІаным гуэныхь дигъащІэу Иеговэ и гъуэгум дытришыну хэтщ
Іущагърэ зэхэщІыкІрэ тхэлъмэ, Іуэху мыхъумыщІэхэм къыпэкІуэнур тлъэгъунущ икІи Иеговэ нэхъ пэжыжьэ дызыщІыфыну Іуэхухэм зыщытхъумэфынущ