АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПСАЛМЫ 79—86
Уи гъащІэм хэт япэ ибгъэщыр?
83-нэ Псаломыр зытхар пащтыхь Даут и зэманым псэуа левит Асаф къытехъукІауэ къыщІэкІынщ. Мы уэрэдыр абы щитхар бийхэр Иеговэ и лъэпкъым къыщыпэщІэува зэманыращ.
Псаломыр зытхам и тхьэлъэІум къызэрыхэщымкІэ, ар зэгупсысыр и щхьэр къызэрыригъэлыныратэкъым, атІэ Иеговэ и цІэмрэ и тепщэныгъэмрэт
Ноби Алыхьым и лэжьакІуэхэр бийхэм гугъу ирагъэхь. Алыхьым хуэпэжу дыкъызэрынэм икІи дыкъызэримыкІуэтым Иеговэ егъэлъапІэ
Иеговэ хуейщ дэ абы и цІэр тщІэну
Иеговэ ди гъащІэм япэ зэридгъэщыр ди ІуэхухэмкІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ