АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ПСАЛМЫ 74—78
Иеговэ и Іуэхухэр уигу игъэлъ
Иеговэ и ІуэхуфІхэм куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ
Алыхьым и Псалъэм итым куууэ дыщегупсысым деж дызэджар ди гум нос икІи духовнэ ерыскъым щхьэкІэ ди гум фІыщІэ илъыр хохъуэ
Куууэ дызэрыгупсысэр къыддоІэпыкъу Иеговэ и Іуэху гъэщІэгъуэнхэмрэ гугъэ диІэмрэ тщымыгъупщэну
Иеговэ и Іуэхухэм щыщхэр:
И ІэдакъэщІэкІхэр.
Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, Алыхьым худиІэ фІэлІыкІыр хохъуэ
Зэхуэсым къалэн зиІэ цІыхухъухэр.
Иеговэ зэхуэсым унафэщІу тригъэувахэм дедэІуэн хуейщ
Дыкъызэрыригъэлыр.
Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрыригъэл щІыкІэр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, дэ Алыхьыр къыддэІэпыкъуну зэрыхузэфІэкІыныр икІи ар абы зэрыхуейр нэхъ быдэу ди фІэщ хъунущ