ДИ ГЪАЩІЭР
Ди гъащІэр мылъкум етауэ зэрыщымытыр къыддоІэпыкъу Алыхьыр дгъэлъэпІэну
Нобэ тыншщ уи гъащІэр гугъу пщІыну. Зэман куэдрэ къарурэ токІуадэ хьэпшып зэмылІэужьыгъуэхэр къэпщэхуным, къэбгъэсэбэпыным, укІэлъыплъыным е пхъумэным. Хьисэ мылъкур хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуигъэхъутэкъым (Мт 8:20).
ХъыбарыфІыр нэхъыбэу бгъэІун щхьэкІэ уи гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ хэплъхьэфыныр? Уи унагъуэм щыщ гуэр пионеру лэжьэну щІидзэн щхьэкІэ зыгуэр фщІэфыну пІэрэ? Пионеру улажьэу щытмэ егупсыс, гу лъомытэу мылъкум уи гъащІэр гугъу йомыгъэщІауэ пІэрэ? Ди гъащІэр мылъкум етауэ щымытмэ, дэ абы насыпрэ гуфІэгъуэрэ къытхуихьынущ (1Тм 6:7—9).
Си гъащІэм хэслъхьэ хъуну зэхъуэкІыныгъэхэр: