АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИОВ 21—27
Іэиуб еплъыкІэ нэпцІхэм пэщІэтащ
ШейтІаным пцІыр къигъэсэбэпу ноби Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гур ириудыну хэтщ. Иов тхылъым къыдегъащІэ ШейтІаным пцІы игъэІур сыт хуэдэми. ИкІи абы итщ Иеговэ езым и лэжьакІуэхэм дауэ хущытми. Иеговэ и нэІэ къызэрыптригъэтыр къэзыгъэлъагъуэ Библием ит нэгъуэщІ пычыгъуэхэри къыхэтхыкІ.
ШЕЙТІАНЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ПЦІЫР |
ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫТХУЩЫТЫР |
|---|---|
Алыхьым апхуэдизкІэ куэд къытхуегъэуври, ар арэзы пщІыну гугъущ. КъигъэщІахэм щыщу зыми абы гуфІэгъуэ къыхуихькъым (Иов 4:18; 25:5) |
Иеговэ къару мащІэ етхьэлІэхэри елъагъу (Иов 36:5) |
Алыхьым щхьэкІэ цІыхум мыхьэнэшхуэ иІэкъым (Иов 22:2) |
Иеговэ пэжу дызэрыхуэлажьэм арэзы тохъуэ (Иов 33:26; 36:11) |
Алыхьым къыфІэІуэхукъым цІыхур абы пэжу хуэлажьэми хуэмылажьэми (Иов 22:3) |
Иеговэ пэжу хуэлажьэхэм и нэІэ ятригъэтщ (Иов 36:7) |